РАБОЧАЯ ПРОГРАММА (ID 2321459) учебного предмета «Кабардино-черкесский язык (родной)» для обучающихся 2 класса

МИНИСТЕРСТВО ПРОСВЕЩЕНИЯ РОССИЙСКОЙ ФЕДЕРАЦИИ
Министерство просвещения и науки Кабардино-Балкарской
Республики
Местная администрация Терского муниципального района КБР
МКОУ СОШ с.п. Верхний Акбаш

РАССМОТРЕНО

СОГЛАСОВАНО

УТВЕРЖДЕНО

Методическим
объединением
учителей начальных
классов

Зам. директора по УВР

Директор

________________________

________________________

Гонибова Ж.Ш.
от «29» 08 2023 г.

Тарканова М.В.
Приказ №64 от «30» 08 2023
г.

Протокол №1 от «29» 08
2023 г.

РАБОЧАЯ ПРОГРАММА
(ID 2321459)
учебного предмета «Кабардино-черкесский язык (родной)»
для обучающихся 2 класса

с.п. Верхний Акбаш 2023\

Курсым и щIэныгъэ-методикэ лъабжьэмрэ ахэр «Адыгэ тхыбзэ»-р (2 класс)
зэрегъэджапхъэ тхылъым щызэрызэфIэхамрэ
Адыгэ бзэхабзэхэр пэщIэдзэ классхэм къегъэщта зэрыхъуам елъытащ нанум и гупсысэм, и
къэухьым, и дуней еплъыкIэм зэрызиужьыныр.
«Адыгэ тхыбзэ» курсыр хуэунэтIащ пэжырытхэ хабзэм тету, псэлъэкIэ къабзэм иту
еджакIуэм зегъэузэщIыным. ПэщIэдзэ классхэм щадж адыгэ бзэхабзэхэр адыгэ
бзэщIэныгъэм и япэ лъэбакъуэщ.
ПэщIэдзэ классхэм «Адыгэ тхыбзэ»-р зэрыщаджыр пыухыкIауэ Iуэхугъуэ зыхуэунэтIахэр
щыIэщ:
- адыгэбзэм теухуауэ еджакIуэхэм нэхъ мащIэ дыдэу ящIэн хуейм и лъабжьэ гъэтIылъауэ,
абы къыпкърыкIыу дамыгъэхэр зэрызыхащIэмрэ гупсысэ зэпыщIа зэрагъуэтынымрэ
хуэгъэхьэзырын;
- уэршэр егъэкIуэкIыкIэ Iэзагъым и лъабжьэ зэгъэпэщын: жьабзэмрэ тхыбзэмрэ
зегъэужьын; монолог, диалог егъэкIуэкIыкIэм хэшэн; щыуагъэншэу тхэным хуэгъэсэн.
Пщэрылъ зыщытщIыжхэр къыдэхъулIэн папщIэ, зэфIэгъэкIыпхъэ лэжьыгъэхэр щыIэщ:
- бзэмрэ гупсысэмрэ зегъэужьын, зэфIигъэкIыну, къызыхуэкIуэну зыхуей Iуэхугъуэм
елъытауэ и псэлъэкIэр иубзыхуфын;
- адыгэбзэм и ухуэкIэм, зэхэтыкIэм техуауэ еджакIуэхэм лъабжьэ ягъэгъуэтын: графикэ,
орфоэпие, фонетикэ, лексикэ, морфемикэ;
- жьабзэм хабзэ зэрыхэлъыр, тхыбзэм къупхъэ зэриIэр зыхегъэщIэн, жьабзэ монолог
кIэщIхэмрэ тхыгъэ мыинхэмрэ зэхигъэувэфу егъэсэн;
- адыгэбзэр иджыным и гупэ хуэгъэзауэ, бзэм и гъэщIэгъуэнагъымрэ ар хъумэжынымрэ
езыми и пщэ къызэрыдэхуэм дегъэхьэхын; ищIэм хигъэхъуэным хуэгъэушын.
КIапсэрышэу зэхэт «Адыгэ тхыбзэ» курсыр къызэпкърокI:
- фонетикэрэ графикэу;
- лексикэу;
- морфемикэу;
- псалъэ лъэпкъыгъуэрэ синтаксису;
- орфографиерэ агъыщэхэу;
- бзэм зезыгъэужьу.
Курсым зы купкъ иIэщ: разделхэмрэ темэхэмрэ класс къэс щIагъуэкIэ зэщхьэщымыкIыу
щызэтохуэ. Мыпхуэдэ ухуэкIэр еджакIуэхэм я зэфIэкIым, абы зэрыхагъахъуэм, ахэр
къазэрыгурыIуэм

укIэлъыплъынымкIэ

сэбэп

мэхъу.

Абы

ищIыIужкIэ,

мащIэурэ

къызэпкърыкIыурэ бзэхабзэм, абы и ухуэкIэхэм хыбошэ; я бзэм зыужьыныгъэ игъуэтым
нэхъ тыншу укIэлъоплъыф.
«Адыгэ тхыбзэ» (2 класс) зэрегъэджапхъэ-упщIэжэгъу зэуIур зэхэтщ зэреджапхъэ
тхылъу1, электрон тхылъу2, методикэ упщIэжэгъуу3, зэрылажьэ программэу.
«Адыгэ тхыбзэ» (2 класс) зэрегъэджапхъэ-упщIэжэгъу зэуIум пщэрылъ зыщытщIыжахэр
зэфIэха

хъун

щхьэкIэ,

гъэзэщIапхъэщ:

езырыж

(личностные),

предметзэпыщIэ

(метапредметные), езы предметым ехьэлIа Iуэхугъуэхэр зэуIу, зы щIыныр.
Адыгэбзэм ехьэлIауэ ахэр зэфIэдгъэкIын щхьэкIэ, еджакIуэр сыт хуэдэ егъэджэныгъэ
лэжьэкIэми хуэхьэзыру щытыным и лъабжьэ егъэгъуэтын хуейщ.
Курсым и зэхэлъыкIэмрэ Федерал къэрал егъэджэныгъэ къупхъэмрэ я
зэхущытыкIэр
ПэщIэдзэ классхэм папщIэ Программэм къигъэув Iуэхугъуэхэр «Адыгэ тхыбзэ» (2
класс) зэрегъэджапхъэ-упщIэжэгъу зэуIумкIэ зэфIэха зэрыхъур.
Езырыж щытыпкъэ
(личностные результаты)
«Адыгэ тхыбзэ» (2 класс) курсым къыщыгъэлъэгъуа хъуащ гъэсэныгъэр, зыужьыныгъэр
хэзыгъахъуэ бгъэдыхьэкIэхэр. Ар Урысей Федерацэм и цIыхум духовно-нравственнэ
зыужьыныгъэ егъэгъуэтауэ гъэсэн Концепцэм тету егъэджакIуэм и пщэрылъхэр
гъэзэщIэныр щIэгъэхуэбжьэнымкIэ сэбэп мэхъу.
Федерал къэрал егъэджэныгъэ къупхъэм ипкъ иткIэ езырыж щытыпкъэм зэпэщ ещI:
- Хэкум теухуауэ пагагъ иIэр, Хэкум и тхыдэмрэ лъэпкъымрэ, лъэпкъым и зы цIыхуу
еджакIуэр зэрыщытыр, къэралым ис лъэпкъ псоми я фIыгъуэр зыхэщIэныр, абыхэм
зегъэужьыныр;
- зэпэщу, социал ухуэкIэу дунейм еплъыныр, зэмыщхьу, ауэ зыуэ уэщIыр, лъэпкъхэр,
культурэхэр, динхэр зэрыщытыр;
- нэгъуэщIым и дуней еплъыкIэм, адрей лъэпкъхэм я культурэм, тхыдэм пщIэ хуэщIыныр;
- дуней зызыхъуэжым зэрыхэзэгъэным хуэгъэхьэзырыныр;
- еджакIуэм и езырыж купщIэр зыхищIэныр;
- илэжьхэм теухуауэ жэуап зэрихьыныр, абы хэту напэ, захуагъэ, хуитыныгъэм ехьэлIауэ
къыгурыIуэм хэгъэхъуэныр;
- гуапагъэ, пэджэж, зэхэщIыкI, гууз-лыуз нэгъуэщIым хуиIэныр;
- и ныбжьхэмрэ нэхъыжьхэмрэ зэрадекIуэкIыныр, псалъэмакъыншэу Iуэху хэкIыпIэ
къигъуэтыным хущIэкъуныр;
- гъащIэ сэкъатыншэ, узыншэ зэрихьыныр, зыгуэр къызэгъэпэщын-зэфIэгъэувэным
хуэгъэушыныр, къэзыухъуреихь щыIэныгъэхэм хуэсакъыныр.

ПредметзэпыщIэ щытыпкъэ
ПредметзэпыщIэ

щытыпкъэхэм

(зэфIэх-зэгъуэкI

«регулятивные»,

къэухьыпкъ

«познавательные», уэршэр) Федерал къэрал егъэджэныгъэ къупхъэм ипкъ иткIэ зэпэщ
ящIыр:
- еджэныгъэ лэжьыгъэм и пщэрылъхэмрэ зыхуэунэтIахэмрэ еджакIуэм зыхищIэныр, ар
зыIэрыгъэхьа хъунымкIэ хэкIыпIэхэр къилъыхъуэныр;
- лъыхъуэн, къэгъэщIын Iуэхугъуэхэм къалъыкъуэкI мыщхьэпэхэр зэрызэфIихын хэкIыпIэ
иубзыхуныр;
-

къыхуагъэува Iуэхугъуэр зэхигъэкIын щхьэкIэ,

и лэжьэкIэныр ипсыхьыфрэ

зыкIэлъыплъыжыфу икIи нэхъ къезэгъ бгъэдыхьэкIэр къыхигъэкIыфыныр;
- къыщIехъулIэ/къыщIемыхъулIэ щхьэусыгъуэр къыгурыIуэрэ къемыхъулIапэу щытми,
зэгъэпэщауэ лэжьэфыныр;
- къэухьыпкъым и лъабжьэмрэ езырыжу зыкъихутэжынымрэ зэфIэувэныр;
- бзэм и Iэмалхэмрэ информацэ, коммуникацэ технологиехэмрэ езым и коммуникатив,
къэухьыпкъ къалэнхэр щигъэзащIэкIэ къигъэсэбэпыныр;
- псалъалъэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыхуей къыщигъуэтын, зэхуэхьэсын, елэжьын, зэхэдзын,
анализ щIын, нэгъуэщIым Iэрыгъэхьэн, къэIуэтэжыфын, зыщIыпIэ къыщыпсэлъэфыныр;
- текст зэхуэмыдэхэм, жанр зэмыщхьхэм къеджэфыныр, зытепсэлъыхьым теухуауэ и бзэм
зэхъуэкIыныгъэ иригъэгъуэтыфыныр, жьабзэу, тхыбзэу текстхэр зэригъэпэщыфыныр;
- зэгъэпщэныгъэ, зэгъэуIуныгъэ, анализ сыт хуэдэхэр зы гупсысэм тету иухуэфыныр, зым
зыр къыпкърыкIыу е къыпкърыкIынкIэ хъуну зэрыщытым егупсысыфыныр;
- уэршэрэгъум

едэIуэфыныр, диалог иригъэкIуэкIыфыныр, зы Iуэхум еплъыкIэ

зэхуэмыдэхэр зэриIэфынур къыгурыIуэрэ псоми щIэдэIуфу щытыныр, щапхъэхэр
къигъэсэбэпурэ псэлъэфыныр;
- гуп псом зы мурад зэраIэфынур, абы узэрыхуэкIуэфыну гъуэгур убзыхуныр, гупым хэт
дэтхэнэ зыми зы къалэн зэриIэныр, зыр зым кIэлъыплъыж зэрыхъунур, езым и зыщIыкIэм
еплъыжрэ едрейми и зыщIыкIэр илъагъуныр;
- зэгурымыIуэныгъэр псалъэмакъ къыхэмыкIыу зэфIихыфыныр, зым и фейдэ мыхъуу
псори зэакъылэгъу зэрызэхуищIыныр.
Предмет щытыпкъэ
Предмет щытыпкъэхэм Федерал къэрал егъэджэныгъэ къупхъэм ипкъ иткIэ зэпэщ ящI:
- щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ адыгэбзэм ехьэлIа лъабжьэ егъэтIылъ: фонетикэмрэ
графикэмрэ, лексикэр, псалъэ къэхъукIэр, псалъэ лъэпкъыгъуэхэр, синтаксисыр, бзэм и
къэгъэсэбэпыкIэ мардэхэр;

-

макъхэр, хьэрфхэр, псалъэ лъэпкъыгъуэхэр зэхигъэкIыфрэ бзэхабзэм тету ахэр

къигъэсэбэпыныр;
- къэралым бзэ куэд щызекIуэ пэтми, ахэр псори зы къэралым и къулеягъыу, бзэр
лъэпкъым и гупсысэр къызыхэщыжу зэрыщытыр;
- адыгэбзэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэралыбзэхэм щыщ зыуэ зэрыщытыр;
- жьабзэ, тхыбзэ пэжыр зыIулъ цIыхум культурэшхуэ зэрыбгъэдэлъыр;
- адыгэ литературэбзэм ехьэлIауэ пэщIэдзэ лъэбакъуэхэр егъэчыныр;
- уэршэрым и мурад, Iэмал, хэкIыпIэхэр ихутэфрэ псэлъэкIэ сыт хуэдэ Iуэхугъуэми
хуигъуэтыфыныр.
2-нэ классым къыщищIэнухэр
КIапсэрышэу (системэу) щыт «Адыгэ тхыбзэ» (2 класс) курсыр «Къэпщытэжын»
IыхьэмкIэ къыщIедзэ. Япэ классым щаджахэр зэращIэжым кIэщIу къытегъэзэжарэ,
яхузэфIэкIыну, кIуэкIэр зэрыбухуэну Iэмалхэм щыгъуазэ зыхубощI.
Абы къыкIэлъокIуэ «Макъзешэхэмрэ хьэрфзешэхэмрэ» Iыхьэр. Бзэм и лъабжьэу щыт а
Iыхьэр фIыуэ къыгурымыIуауэ адэкIэ зыужьыпIэ куу еджакIуэм игъуэтынукъым. Абы
къыхэкIкIэ, япэ классым гурыIуэгъуэ зыхуигъуэта Iуэхугъуэм зыдогъэужь, хыдогъахъуэ.
Макъхэр пэжу зэхихрэ ар къигъэIужыфу, псалъэм хэт макъхэр зэкIэлъхьэужьу зэрыщытын
хуейм хуэдэу зэкIэлъихьыфу, макъхэмрэ хьэрфхэмрэ зэхигъэкIыфу, макъзешэхэмрэ
хьэрфзешэхэмрэ къыгурыIуэу, макъзешэ э-р хьэрфзешэ а-кIэ къызэрагъэлъагъуэм
щымыуэу.
2-нэ классым макъ дэкIуашитI зэбгъэдэту къыщыкIуэм деж я тхыкIэ хъуныр, ы-р
макъзэпэщIэхыу къызэрыкIуэр, хьэрф у-м теплъитI иIэу дызэрыхуэзэр, у-м иужь ы
зэрамытхыр идогъащIэ.
УвыпIэшхуэ еубыд хьэрф и, е, э, ю, я, ё –хэм макъитI къагъэлъагъуэу, ауэ тхыгъэм зы
дамыгъэу

фIэкI

зэрытедмылъхьэр

егъэщIэным.

Макъ

дэкIуашэ

жьгъыжьгъхэмрэ

дэгухэмрэ зэхигъэкIыфу, хьэрф зэгуэткIэ къэдгъэлъагъуэ макъхэр пэжу къэпсэлъыным
хэгъэхъуэным, псалъэр пэжу пычыгъуэкIэ зэпиудурэ абы ударенэр тригъэувэжыфыным
худогъасэ.
Псалъэ къэхъукIэ, зэхъуэкIыкIэхэм теухуауэ гурыIуэгъуэ зыгъуэта еджакIуэм псалъэ
къегъэщI, ехъуэжыф, абы къыхэкIыуи и псалъэ фондым къыхохъуэ. Псалъэ къигъэщIхэр
зэпыщIа

зэрыхъур

къызыгурыIуам,

ахэр

зэрипхыурэ

псалъэуха

къызэрыкIуэхэр

зэрегъэпэщ.
2-нэ гъэ еджэгъуэм еджакIуэм псалъэхэм упщIэ зэрыхуигъэувыну щIыкIэр, щыIэцIэм,
глаголым, плъыфэцIэм, послелогым ехьэлIауэ япэ лъэбакъуэхэр еч, псалъэ щхьэхуэхэр
хьэрфышхуэкIэ къегъэжьауэ итхын зэрыхуейр къещIэ. Апхуэдэ щIэныгъэ лъабжьэр

игъуэта нэужь, езым псалъэуха зэхигъэувэжыфрэ псалъэухам и лъабжьэр къыхуэгъуэту
йосэ.

Псалъэуха

щыIэхэмкIэ

гурыIуэгъуэ

зыгъуэта

еджакIуэм

псалъэуха

зэмылIэужьыгъуэхэр зэхигъэувэу монолог, диалог къызэрыгуэкIхэр иригъэкIуэкIыфынущ.
Гулъытэншэу

къанэркъым

словарнэ

псалъэхэм

теухуауэ

ядегъэкIуэкIын

хуей

лэжьыгъэхэр. Псалъэм и тхыкIэм и мызакъуэу еджакIуэм а псалъэм иIыгъ купщIэр
къещIэ, абы къыдэкIуэу а псалъэр урысыбзэкIи къецIыху, нанум и бзэтIуащIэм
(двуязычие/билингвизм) зегъэужьыным ехьэлIа Iуэху щхьэпэу зэфIэха мэхъу.
ЕтIуанэ классыр къыщаухым ирихьэлIэу къызыхуэкIуэн хуей щытыпкъэхэр
Езырыж щытыпкъэхэр
Зи гугъу тщIыну езырыж щытыпкъэхэр еджакIуэм зэригъэпэщыну хузэфIэкIынущ:
- зыщыщ лъэпкъым теухуауэ гурыIуэгъуэ;
- Хэкур фIыуэ лъагъунымрэ абы ирипэгэнымрэ;
- дуней къэзыухъуреихьым теухуауэ гурыIуэгъуэ;
- уэщIымрэ псэ зыIут псоми хуэсакъыныр;
- бзэ зэмыщхьхэм ирипсалъэ лъэпкъхэм пщIэ хуэщIыныр;
- бзэр зызыужь щыIэныгъэу зэрыдиIэр;
- бзэр зегъэкIуэным гуапагъ хуиIэныр;
- проект лэжьыгъэ гъэзэщIэныр;
- зыхэт цIыхухэм ялэжь Iуэхухэм хабзэ и лъэныкъуэкIэ еплъыкIэ хуиIэныр;
- уэщIым и теплъэ сурэтхэмрэ нэгъуэщI сурэт лIэужьыгъуэхэмрэ тепсэлъыхьыфыныр;
- гуапагъ, пэжагъ, гуууз-лыуз, пэджэж, напэ, н. гурыгъу-гурыщIэхэр зыхищIэныр;
- къыдеджэхэмрэ езыгъаджэхэмрэ я гурыгъу-гурыщIэ зыхищIэныр;
- егъэджакIуэм, балигъым, къыдеджэхэм зэрыдэлэжьэфыным ехьэлIауэ гурыIуэгъуэ
иIэхэм зегъэужьыныр.

ПредметзэпыщIэ щытыпкъэхэр
ПредметзэпыщIэ щытыпкъэхэр зэфIэгъэувэнымкIэ еджакIуэм хузэфIэкIынущ:
- егъэджэныгъэ мардэр къыгурыIуэрэ пкърыхьэныр;
- егъэджэныгъэ лэжьыгъэ екIуэкIым ехьэлIауэ и еплъыкIэ къигъэлъэгъуэныр;
- егъэджакIуэм и гъусэу егъэджэныгъэ лэжьыгъэм и кIуэкIэр ипсыхьыныр;
- кIуэкIэ иухуэрэ абы тету лэжьэныр;
- илэжь Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьыфыныр;

- егъэджакIуэмрэ къыдеджэхэмрэ и гъусэу и лэжьыгъэмкIэ къызыхуэкIуам щыуагъэ хэтмэ,
зэпкърихыжыфыныр;
- и лэжьыгъэм теухуауэ егъэджакIуэм, балигъым, къыдеджэм къыжриIа псалъэхэр
къыгурыIуэныр;
- лэжьыгъэр къыщIехъулIа е къыщIемыхъулIа щхьэусыгъуэхэр зэхигъэкIыфыныр;
- жьабзэ, тхыбзэ, гурыгъуазэхэр къигъэсэбэпурэ егъэджэныгъэ лэжьыгъэхэр зэфIихыныр.
Куэд къызэщIэзыубыдэ къэухьыпкъ еджэкIэ лэжьыгъэхэр (УУД – универсальные учебные
действия) псыхьа хъунымкIэ еджакIуэм къехъулIэнущ:
- къэухьыпкъ пщэрылъыр макъкIэ къыгурыIуэрэ зыхищIыкIыу, ар егъэджакIуэр и гъусэу е
и закъуэу зэфIигъэкIыфу;
- къагъэIуар зэхихрэ псэлъэкIэ зэхуэмыдэхэр къыгурыIуэныр;
- тхылъым хуэIэижьыныр (псалъащхьэхэм, напэкIуэцIхэм, дамыгъэхэм, псалъалъэхэм, н.);
- тексту, таблицэу, схемэу илъагъухэр къыгурыIуэрэ абыхэм елэжьыфу (егъэджакIуэр и
гъусэуи и закъуэуи);
- егъэджакIуэм игъэува къалэныр абы и гъусэу зэфIэгъэкIыфыныр;
- дамыгъэхэр, схемэхэр, таблицэхэр къэгъэсэбэпыфыныр, апхуэдэу электрон Iэмалхэми
щыгъуэзэныр;
- текст зэмылIэужьыгъуэхэр къыгурыIуэрэ абыхэм купщIэр къыхихыфыныр;
- егъэджакIуэм игъэув упщIэхэм тхылъым ит схемэхэр, таблицэхэр, дамыгъэхэр
къигъэсэбэпурэ жьабзэу жэуап етыфыныр;
- темэ, сурэт къратам ехьэлIауэ езым и текст зэхигъэувэжыфыныр;
- щыIэныгъэ иджхэмрэ бзэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэмрэ анализ ищIыфыныр (гупым хэту);
- щхьэхуэурэ щытхэр зыуэ зэхэгъэувэфыныр (егъэджакIуэр кIэлъыплъу);
- лэжьыгъэр щищIкIэ абы бгъэдыхьэкIэ зыбжанэ иIэнкIэ зэрыхъунур IэщIыб имыщIыныр;
- бзэ хабзэм щытепсэлъыхькIэ, ар щIэзыгъэбыдэ щапхъэхэр къихьыфыныр;
- къыхуагъэува пщэрылъым теухуауэ псалъэхэр зыщыщ лъэпкъыгъуэ, зэхьэлIа Iуэху сыт
хуэдэхэмкIэ зэуIу щIыфыныр;
- егъэджакIуэр и гъусэу е классым хэту игъэзэщIа лэжьыгъэм купщIэ къыхихыфыныр;
-

егъэджакIуэр

къыдэIэпыкъуу

предмет

иджымрэ

гъащIэмрэ

зэпыщIа зэрыхъу,

зэрызэпэджэж Iуэхугъуэхэр къыхигъэкIыфыныр;
- щхьэусыгъуэмрэ къыщIэхъуамрэ зэпищIэфыныр.
Коммуникацэ и лъэныкъуэкIэ куэд къызэщIэзыубыдэ къэухьыпкъ еджэкIэ лэжьыгъэхэр
(УУД) псыхьа хъунымкIэ еджакIуэм къехъулIэнущ:

- зыдэуэршэрыр зэхихрэ нэгъуэщIхэм я уэршэр къыгурыIуэныр;
- и гупсысэр жьабзэу, тхыбзэу къиIуэтэфыныр;
- псэлъэкIэ-щытыкIэ хабзэхэр имыкъутэу диалог иригъэкIуэкIыфын, гуп уэршэр
хэтыфыныр;
- егъэджакIуэм, къыдеджэхэм щепсалъэкIэ къезэгъ псэлъэкIэ иухуэныр, упщIэ хуэтыныр,
жэуап иIыгъыфыныр;
- IуэхуеплъыкIэ зэмылIэужьыгъуэ щыIэхэр къилъытэныр;
- езым и IуэхуеплъыкIэр къигъэлъэгъуэфрэ щапхъэкIэ щIигъэбыдэфыныр;
- гъусэ иIэу лэжьэфрэ адрейм гурыIуэфыныр, дэрэгъум гуапэу, пщIэ хуищIу бгъэдэтыныр;
- коммуникатив пщэрылъым елъытауэ монолог иухуэфыныр.
Предмет щытыпкъэхэр
Зэдай предмет щытыпкъэхэр программэмкIэ къызэрехъулIэнур
ЕджакIуэм предмет щытыпкъэхэр къыгурыIуэныр къехъулIэн папщIэ:
- адыгэбзэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и зы къэралыбзэу зэрыщытыр зыхищIэн;
- лъэпкъыбзэу щыт адыгэбзэмрэ адрей лъэпкъыбзэхэмрэ пщIэ хуэщIын;
- бзэр зызыужь щыIэныгъэу зэрыщытыр, абы лъэпкъ псом я гупсысэ, дуней тетыкIэ
къызэрыхэщым щыгъуэзэн;
- адыгэбзэм и бзэ хабзэхэм ехьэлIауэ япэ лъэбакъуэхэр чыныр (орфоэпие, орфографие,
нагъыщэ), жьабзэ хабзэхэр зэгъэцIыхун;
- бзэ системэм, абы и зэхэтыкIэм теухуауэ лъабжьэ гъуэтын (фонетикэ, графикэ, лексикэ,
морфемикэ, морфологие, синтаксис);
- нагъыщэхэр тхыбзэ хабзэм IэщIыб щыпщI зэрымыхъунур;
- итхар къызэрипщытэжын гурыIуэгъуэхэр зэгъэгъуэтын;
-

идж

Iуэхугъуэм

ехьэлIауэ

еджэкIэ

мардэхэр

къыгурыIуэн;

къызэрагъуэт,

зэрызэрагъапщэ, зэрагуэш щIыкIэхэм теухуа гурыIуэгъуэ иIэн.
Бзэм зегъэужьынымкIэ предмет щытыпкъэу еджакIуэм зэригъэгъуэтынущ:
- урокым жьабзэу щекIуэкI уэршэрым хэтын;
- Iуэхур зэфIэха хъунымкIэ и еплъыкIэ къигъэлъэгъуэфын;
- тхылъым ит текстым къеджэрэ зыхуей гупсысэр къыхихыфрэ пщэрылъ къыхуащIам
елъытауэ абы дэлэжьэжыфын;
- бзэм ехьэлIа Iуэхугъуэ зэфIигъэкIын щхьэкIэ, псалъалъэ къигъэсэбэпын;
- жьабзэмрэ тхыбзэмрэ зэхигъэкIыфын;
- диалогыр къыхигъэкIыфын, абы иIэ щхьэхуэныгъэхэр ищIэн;

- текстымрэ псалъэ е псалъэуха гуп купщIэншэу зэхэдзамрэ зэхигъэкIыфын;
- текст зэхэгъэзэрыхьам псалъэухахэр я пIэ щригъэувэжыфын;
- текстым и темэмрэ гупсысэмрэ къыхигъэкIыфын, псалъащхьэ е фIэщыгъэ хуищIыфын;
- зэраIуатэ текстым и упщIэхэм къеджэрэ абыхэм я жэуапхэр къигъуэтыфын;
- сурэткIэ е упщIэкIэ текст зэхэгъэувэфын;
- щIэдзапIэ е кIэух иIэмкIэ текстыр зэфIигъэувэфын.
ЕджакIуэм зригъэгъэсэну къехъулIэнущ:
- езым и бзэмрэ нэгъуэщIым еймрэ анализ хуэщIыныр;
- егъэджакIуэм игъэува упщIэм жэуап щриткIэ, езым и ныбжьэгъухэм я бзэм и ухуэкIэр,
пэжагъыр къилъытэныр;
- тхылъым и псалъалъэм хэт щапхъэхэр къэпсэлъыкIэ, тхыкIэ хабзэхэм тригъэтыныр;
- темэмрэ купщIэмрэ елъытауэ текстым цIэ фIищыныр;
- текст зэмылIэужьыгъуэхэр зэхигъэкIыныр;
- художественнэ текстым хэт бзэ Iэмалхэм гу лъитэныр;
- зэраIуатэ, зэрытепсэлъыхь текстхэр зэхигъэувэныр;
- псалъэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэхэр къихутэныр;
- бзэм ехьэлIауэ гу зылъита Iуэхугъуэ гуэрхэм щхьэкIэ и гупсысэ къигъэлъэгъуэныр;
- сурэтхэм теухуауэ текст иубзыхуныр;
- текст къызэджам и купщIэр тхыгъэу къиIуэтэныр;
- тхыбзэм и пэжагъым кIэлъыплъыжыныр, щыуагъэхэр къигъуэтыжыныр.
Бзэм и зэхэтыкIэр
Фонетикэ, орфоэпие, графикэ
ЕджакIуэм зригъэсэнущ:
- макъымрэ хьэрфымрэ зэхигъэкIыфу, хьэрфхэр пэжу къигъэIуу, псалъэм хэт хьэрфхэри
щхьэхуэу щытхэри жиIэфу;
- макъ къэс зыхуэдэр, зыщыщыр иубзыхуфу;
- псалъэм хэувэ макъым зэхъуэкIыныгъэ игъуэтыр къихутэфу;
- макъхэм я зэхэтыкIэкIэ псалъэхэр гупу игуэшыфу;
- макъитI къэзыгъэлъагъуэхэр тхыгъэм зэрытрилъхьэну щIыкIэр ищIэу;
- псалъэр пычыгъуэкIэ зэпиудыфу;
- псалъэм макърэ хьэрфу хэтыр зэщхьэщигъэкIыфу;
- ударенэ зытехуэ пычыгъуэр къыхигъэщыфу;
- хьэрфхэр алфавитым и зэкIэлъыкIуэкIэм хуэдэу зэригъэзэхуэфу;
- псалъалъэкIэ лэжьэфу;

- къэпсэлъыкIэмрэ тхыкIэмрэ зэщхьэщыкIыныгъэ яIэр ищIэу;
- литературэ щапхъэм иту псэлъэфу.
ЕджакIуэм зригъэсэну ехъулIэнущ:
- хьэрфрэ макъыу псалъэм и зэхэтыкIэкIэ зэпкърихыу;
- ы-р макъзэпэщIэхыу къыщыкIуэм деж къигъэсэбэпу;
- фонетикэ и лъэныкъуэкIэ щIэныгъэ игъуэтар тхыбзэм къыщигъэсэбэпу;
- псалъэр ирихьэкIыфу, сатыр плъыжьыр ищIэу, псалъэхэм яку дэлъ залэр ищIэу.
Лексикэ
ЕджакIуэм зригъэсэнущ:
- уэршэрым, текстым хэт псалъэ имыцIыхур къыхигъэкIрэ абы и купщIэмкIэ егъэджакIуэм
еупщIу е псалъалъэм къыщигъуэту;
- зы купщIэ фIэкI зимыIэ псалъэхэмрэ купщIэ зыбжанэ зиIэ псалъэхэмрэ зэхигъэкIыу;
- къыхуагъэлъэгъуа псалъэхэм синонимхэмрэ антонимхэрэ къахуигъуэту;
- бзэм синонимхэмрэ антонимхэмрэ къызэрыщагъэсэбэпым кIэлъыплъу.
ЕджакIуэм зригъэсэну къехъулIэнущ:
- псалъэм и купщIэр къыбгурыIуэныр бзэр дахэу бгъэджэгуным зэрепхар;
-

псалъэр

и

купщIэ

занщIэкIэ

къыщагъэсэбэпамрэ

купщIэ

зэхьэкIа

иIэу

къыщагъэсэбэпамрэ зэхигъэкIыныр;
- художественнэ текстым зи купщIэр зэхьэкIауэ щапхъэ зыхуэзар къыхигъэкIыфу;
- и бзэм зиужьын папщIэ, псалъалъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къэгъэсэбэпыныр.
Псалъэр зэрызэхэт Iыхьэхэр
ЕджакIуэм зригъэсэнущ:
- псалъэ зэлъабжьэгъухэр къигъуэтыфу;
- псалъэ гупым зэмылъабжьэгъу щапхъэхэм зэлъабжьэгъу хэтхэр къызэрыхигъэкIын
мардэхэр ищIэу;
- псалъэм лъабжьэр къызэрыхигъэкIыну щIыкIэм;
- щапхъэм и лъабжьэгъу псалъэхэр къыхуихьыфу.
ЕджакIуэм зригъэсэну къехъулIэнущ:
- псалъэ зэлъабжьэгъухэмрэ псалъэм и формэхэмрэ зэхигъэкIыфу;
- псалъэ къэзыгъэхъу префикс, суффиксхэмрэ псалъэ зэзыхъуэкI префикс, суффиксхэмрэ
зэхигъэкIыфу;

- псалъэ къэзыгъэхъу префикс, суффиксхэмрэ псалъэ зэзыхъуэкI префикс, суффиксхэмрэ
къигъэсэбэпыфу.
- псалъэпкъымрэ падеж кIэухымрэ псалъэм къыхигъэкIыфу.
Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр
ЕджакIуэм зригъэсэнущ:
- щыIэныгъэ, лэжьыгъэ, щытыкIэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэр къигъуэтыфу;
- псалъэхэм упщIэ яхуигъэувыфу;
- послелогыр къигъэсэбэпыфу;
- текстым хэт псалъэхэм пщэрылъ щащIа псалъэ гупыр къыхигъэкIыфу;
- Хэт? Сыт? упщIэ зыхуэув щыIэцIэхэр зэхигъэкIыфу;
- цIэ унейхэмрэ цIэ зэдайхэмрэ, ахэр бжыгъэкIэ къэгъэлъэгъуа зэрыхъур ищIэу;
- щыIэныгъэм и теплъэ, щытыкIэ къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэм упщIэ яхуигъэуврэ текстым
къыщигъуэтыфу;
- плъыфэцIэр гупитIу зэрыгуэшар зэхигъэкIыфрэ абыхэм я щапхъэхэр зыхиубыдэ гупыр
иубзыхуфу;
- псалъэухам лэжьыгъэ хэтыр къигъуэтрэ абы игъэзащIэ къалэныр къыгурыIуэу.
ЕджакIуэм зригъэсэну къехъулIэнущ:
- псалъэхэр лъэпкъыгъуэ щхьэхуэурэ зэхигъэкIыфу, абыхэм псалъэухам щагъэзащIэ
къалэнхэр иубзыхуфу;
- псалъэ лъэпкъыгъуэхэм упщIэ яхуэувхэр, теплъэ, зэхъуэкIыныгъэ ягъуэтхэр ищIэу;
- закъуэ е куэд бжыгъэм фIэкI имыту къакIуэ щыIэцIэхэр зэхигъэкIыфу;
- псалъэуха щиухуэкIэ, гупсысэ къыщиIуатэкIэ послелогхэр къигъэсэбэпыфу;
- щыпсалъэкIэ псалъэ лъэпкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр и бзэм къыщигъэсэбэпу.
Синтаксис
ЕджакIуэм зригъэсэнущ:
- текстымрэ псалъэухамрэ, псалъэухамрэ псалъэмрэ (псалъэуха мыхъу псалъэхэр)
зэхигъэкIыфу;
- уэршэрым псалъэухар къыхигъэщхьэхукIыфу;
- псалъэухакIэ зэджэр иубзыхуфу (купщIэ пыухыкIа, къэпсэлъыкIэ, псалъэухам и кIэ);
- жьабзэм деж псалъэухар и кIэм нэсауэ зэрыщытыр зэхигъэкIыфу;
- я къэIуэтэкIэ елъытакIэ псалъэухахэр зэригъэпщэфу;
- псалъэухахэм я кIэм нагъыщэ ягъэувхэр ищIэу;
- псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр къыхигъэкIыфу;
- псалъэухам хэт псалъэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэр къигъуэтыфу;

- схемэкIэ псалъэуха иухуэфу;
- псалъэуха иримыкъухэр нигъэсыжыфу; псалъэуха зэхэтхъуар зэхихыжыфу;
ЕджакIуэм зригъэсэну къехъулIэнущ:
- псалъэ гупым псалъэуха къыхищIыкIыфу;
- щапхъэ имыIэу псалъэуха зэхигъэувэфу;
- псалъэухам и лъабжьэр къыхигъэкIыфу.
Орфографиемрэ нагъыщэхэмрэ
ЕджакIуэм зригъэсэнущ:
- егъэджакIуэм къигъэлъэгъуа псалъэхэм орфограммэр къыщигъуэту;
- зыкъипщытэжын щхьэкIэ, тхылъым ит псалъалъэмрэ пэжырытхэ псалъалъэмрэ
къигъэсэбэпу;
- къеджэу щрагъэтхкIэ е щытритхыкIкIэ, езым къипсэлъу;
- бзэхабзэхэр къигъэсэбэпыфу;
- тхылъымрэ доскамрэ итыр щыуагъэншэу къритхыкIыу;
- бзэхабзэхэм тету къызыхуеджэ текстхэр итхыфу.
ЕджакIуэм зригъэсэну къехъулIэнущ:
- орфограммэ зэмылIэужьыгъуэхэм хищIыкIыу;
- зэджа орфограммэхэмрэ зэмыджахэмрэ зэхигъэкIыфу;
- псалъэр пэжу итхарэ имытхарэ Разделхэмрэ темэхэмрэ хуэзэ сыхьэт бжыгъэр
Разделхэр
Къытегъэзэжыныгъэ.
Хьэрфхэмрэ макъхэмрэ.
Псалъэ.
Морфологие. Послелог.
Псалъэм и зэхэтыкIэ.
Псалъэухамрэ нагъыщэхэмрэ.
Къызэрапщытэ диктант.
Бзэм зегъэужьын (Изложенэ).
Псори

Курсым и зэхэтыкIэр
1. Псалъэуха.
2. Псалъэ.
3. Макъ, хьэрф.

РазделкIэ сыхьэт бж.
3
19
11
2
2
8
4
2
51

Сыхьэт ЯщIэн хуейхэр
бж.
Къытегъэзэжыныгъэ
3
- Япэ классым щигъуэта есэныгъэхэр
къэпщытэн. ЕгъэджакIуэм игъэува упщIэм
егупсысауэ абы и жэуапыр итыфын, жэуап
щиткIэ,
псалъэуха
лIэужьыгъуэ
зэхуэмыдэхэр къигъэсэбэпыфын. Дамыгъэ
итхъахэр къигъэсэбэпурэ бзэр псалъэухауэ,
псалъэухахэр псалъэу, псалъэхэр пычыгъуэ-

1. Макъзешэхэмрэ
хьэрфзешэхэмрэ.
2. Макъзешэхэр.
3. Макъ дэкӀуашэхэр.
4. Пычыгъуэ.
5. Псалъэр зэрырахьэкIыр.
6. Макъзешэ э-р хьэрфзешэ акӀэ къызэрагъэлъагъуэр.
7. ПI, тI макъ дэкӀуашэхэр.
8. ЗэпэщӀэзых Ы.
9. Хьэрф У-р. Хьэрф у-м и
ужькӀэ ы зэрамытхыр.
10. Хьэрф И-р. Хьэрф Е-р.
11. Хьэрф Э-р къызэрыкIуэр.
12. Хьэрф Ю, Я-хэр.
13. Хьэрф Ё-р.
14. Макъ
дэкӀуашэ
жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ.
15. Хьэрф
зэгуэткIэ
къагъэлъагъуэ макъхэр.
16. Ударенэ.
17-19. Адыгэ алфавит.

пычыгъуэу зэрызэпиудыфыр къэпщытэн.
- Къызэджэр къыгурыIуэу, къеджэкIэ тэмэм
иIэу, укъуэдияуэ пычыгъуэ-пычыгъуэкIэрэ
макъ игъэIуу псалъэ щхьэхуэхэм, псалъэуха
мыинхэм, тхыгъэ кIэщIхэм къеджэфын.
Ударенэр
зытелъ
пычыгъуэр
къыхигъэщыфын.
- Хьэрфхэр ицIыхун. Адыгэбзэм макъыу
хэтхэр зэрищIэр къэпщытэн, нэгъуэщIым
къипсэлъа макъыр и IукIэкIэ еджакIуэм
къицIыхуфын,
езыми
а
макъыр
къипсэлъыфын. Сыт хуэдэ макъми и зэрыб
хьэрфри и Iэрытх хьэрфри ищIэн, макъыр
зэхебгъэхмэ,
абы
и
хьэрфыр
къигъэлъэгъуэфын, хьэрфыр ебгъэлъагъумэ,
абы хуэкIуэ (къикI) макъыр игъэIуфын.
Хьэрфхэмрэ макъхэмрэ
19
- Бзэр псалъэухаурэ, псалъэухахэр псалъэурэ, псалъэхэр пычыгъуэу, пычыгъуэхэр
макъыу
зэпкърыхыныр
еджакIуэм
зэрыхузэфIэкIым адэкIэ зегъэужьын.
- Макъзешэхэмрэ макъ дэкIуашэхэмрэ
зэхэгъэкIынымкIэ
иIэ
зэфIэкIхэмрэ
есэныгъэхэмрэ егъэфIэкIуэн.
- Хьэрфыр зыхухэха макъым нэмыщI
нэгъуэщI макъ къигъэлъагъуэу къыщыкIуэр
зэхэцIыхукIыфын икIи къеджэфын.
- Псалъэм и къежьапIэм деж щызэхих
макъзешэ
[э]-р
хьэрфзешэ
а-кIэ
къызэрагъэлъагъуэр ищIэн (адыгэ, адакъэ,
адрей).
- п, т, хьэрфхэмкIэ пI, тI макъ дэкIуашэхэр
къагъэлъэгъуэнкIэ
зэрыхъур
(пкъынэ,
ткIуаткIуэ). ХьэрфкIэ къэмыгъэлъэгъуа
макъхэр тхыгъэм къыхигъуэтэфу икIи
къеджэфу егъэсэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр
егъэкIуэкIын.
у-, и-хэм я ужькIэ ы къыщапсэлъу
ямытхыныр (унэ, гъуджэ, гущэ, итхьэщIащ,
ин, игъуэ). Макъзешэ [у]-мрэ макъ дэкIуашэ
[у]-мрэ зэхэгъэкIынымкIэ иIэ есэныгъэхэр
егъэфIэкIуэн.
- Макъ къимыгъэлъагъуэу хьэрф щатхым и
къэкIуэкIэм нэIуасэ хуэщIын, хьэрфым макъ
къыщимыгъэлъагъуэм
деж,
хьэрфым
къемыджэу егъэсэн: (жыгыуIу, екIуэкIыу,
епщэкIыу, ежэкIыу, ефIэкIыу).
- Пычыгъуэ йы-р зэхихыу и итхынкIэ
зэрыхъум щыгъэгъуэзэн. Абы теухуауэ
ищIэхэр тхыгъэм къыщигъэсэбэпыфын (ин,
ищхъэрэ, ислъэмей, иухын, иубэн, н.)
- Пычыгъуэ йэ зэхихыу е итхынкIэ зэрыхъум

щыгъэгъуэзэн.
Ар
тхыгъэм
къыщигъэсэбэпын (еджэн, ерыщ, ежьу, н.)
- Хьэрф э-р, урысыбзэм щиIэ мыхьэнэр иIэу,
адыгэбзэми къыщигъэсэбэпынкIэ зэрыхъум
щыгъэгъуэзэн. Ар къыщагъэсэбэп псалъэхэм
къеджэфын икIи ахэр итхыфын (экскурс,
экскаватор, этаж, элеватор, н.)
- Хьэрф ё-р, урысыбзэ алфавитым щиIэ
мыхьэнэр зэриIэу, адыгэбзэм къызэрыщигъэсэбэпыр
ищIэн
(шофёр,
пулемёт,
вертолёт).
- Хьэрф ю, я-хэм урысыбзэм щаIэ мыхьэнэр
яIэжу, адыгэбзэм къызэрыщигъэсэбэпыныр
ищIэн (Юрэ, яслъэ, н.)
- Зэгуэгъу зэхуэхъу мэкъ дэкIуашэ дэгухэмрэ
жьгъыжьгъхэмрэ зэхицIыхукIыфын (п-б, ф-в,
т-д, н.)
- Хьэрф зэгуэткIэ къэгъэлъэгъуа макъхэр,
ахэр зыхэт пычыгъуэхэр, псалъэхэр итхыным
теухуа есэныгъэхэм зригъэужьын.
- Зи къэпсэлъыкIэмрэ зи тхыкIэмрэ зэтехуэ
псалъэхэр,
апхуэдэ
псалъэу
зэхэт
псалъэухахэр диктанту (къызэрыжраIэм ипкъ
иткIэ) итхыфын.
- Псалъэм ударенэ зытехуэу хэт пычыгъуэр
къыхигъэбелджылыкIыфын.
Пычыгъуэм
ударенэр зэрытеIэпхъукIым къыхэкIкIэ, а
пычыгъуэм хэт макъыр [а]-ми [э]-ми
щызэхимыщIыкIым деж, е а-м ипIэкIэ э
зэхихыу щыщытым деж, итхынур зи щIысыр
къихутэфын.
- Алфавитым и мыхьэнэр. Хьэрфхэм
зэреджэмрэ абыхэм къагъэлъагъуэ макъхэм я
IукIэмрэ зэхицIыхукIыфын. Алфавитым
хьэрфхэм щаIэ зэкIэлъыкIуэкIэр ищIэн.
Псалъэхэр
алфавиткIэ
зэкIэлъыкIуэу
итхыфын. Къыхуагъэлъагъуэ тхыгъэм хэт
псалъэхэр
алфавиткIэ
зэкIэлъыхьауэ
къыхитхыкIыфын. Тхылъым ит псалъалъэм
ирилэжьэфу егъэсэн, псалъэ иритхэр,
алфавитым
иригъуазэурэ
псалъалъэм
зэрыщызэкIэлъыхьам
хуэдэу,
зэхитхыкIыфын (псалъэм и япэ хьэрфым
тещIыхьауэ).
Псалъэ
1. Псалъэ.
11
- Хьэрфышхуэхэр щатхым теухуауэ ищIэхэм
2. УнэцӀэхэмрэ
цIэхэмрэ
зегъэужьын (хигъэхъуэн).
хьэрфышхуэкӀэ
- УнэцӀэхэмрэ цIэхэмрэ хьэрфышхуэкӀэ
кърагъажьэу зэратхыр.
кърагъажьэу зэратхыр ищIэн.
3. Псэущхьэхэм фӀащ цӀэхэр
- Псэущхьэхэм фIащ цIэхэм я тхыкIэр ищIэн.
хьэрфышхуэкӀэ
- Къалэхэм, къуажэхэм, псыхэм я цIэхэр
кърагъажьэу зэратхыр.
хьэрфышхуэкIэ кърагъажьэу зэратхыр ищIэн.

4. Къалэхэм,
кьуажэхэм,
уэрамхэм, псыежэххэм я
цӀэхэр
хьэрфышхуэкIэ
кърагъажьэу зэратхыр.
5. ХЭТ?
СЫТ?
упщIэхэм
жэуап хуэхъу псалъэхэр.
6. Сыт хуэдэ? упщIэм жэуап
хуэхъу псалъэхэр.
7. Сыт ищIэр? упщIэм жэуап
хуэхъу псалъэхэр.

Послелогхэр.

2

1. Псалъэ лъабжьэ.
2. Псалъэ зэлъабжьэгъухэр.

1. Псалъэуха.
8
2. Бзэр
псалъэухаурэ
зэрызэхэтыр.
3. Псалъэухам хэт псалъэ
нэхъыщхьэхэр.
4. Псалъэуха лIэужьыгъуэхэр.
5. Псалъэухам хэт псалъэхэр
зэрызэпхар.

Ар и тхыгъэхэм къыщигъэсэбэпыфын.
- Хэт? Сыт? упщIэхэм жэуап хуэхъу
псалъэхэр къыхуэгъуэтыфын, ахэр и бзэм
къыщигъэсэбэпыфын
- Сыт хуэдэ? упщIэм жэуап хуэхъу псалъэхэр
къигъуэтыфу, езыми щапхъэ къихьыфу
щытын; ахэр и бзэм къыщигъэсэбэпыфын.
- Сыт ищIэр? Сыт ищIа? Сыт ищIэнур? Сыт
ящIэну? Сыт ящIэр? упщIэхэм жэуап яхуэхъу
псалъэхэм щыгъэгъуэзэн. Апхуэдэ упщIэхэр
езы еджакIуэми игъэувыфын.
Предметхэм, лэжьыгъэхэм, щытыкIэхэм я
фIэщыгъэхэр зэхигъэкIыфын.
Предметхэм
я
цIэхэр
гуп-гупурэ
игуэшыфын.
Ахэр
къызэщIэзыубыдэ
псалъэхэр къыхуэгъуэтыфын. Предметхэм я
цIэхэр (къащыщIхэр) къызэрыкI псалъэхэр
гуп-гупурэ игуэшыфын, ахэр зыгъэзащIэ
(къызыщыщI) предмет елъытакIэ (цIыхухэм,
псэущхьэхэм, хьэпшыпхэм, дунейм и
къэхъукъащIэхэм,
н.)
зэхьэлIар
хузэхэгъэкIын.
Послелог
Послелогым теухуауэ япэ гурыIуэгъуэ
игъуэтын,
апхуэдэхэр
текстым
къыхигъуэтэфу,
езыми
и
бзэм
къыщигъэсэбэпыфу щытын.
2
Псалъэ лъабжьэм щыгъэгъуэзэн. Псалъэ
зэлъабжьэгъухэм теухуауэ гурыIуэныгъэ
егъэгъуэтын. Апхуэдэ псалъэхэм зэдайуэ хэт
Iыхьэхэм гу лъитэн. Псалъэ зыбжанэм
апхуэдэу
зэдыхэт
Iыхьэхэр
къыхигъэбелджылыкIыфу есэн. Апхуэдэ
Iыхьэхэр зэщхьу щатхым гу лъегъэтэн
(мажьэ — мажьэшхуэ — мажьэ фIыцIэ).
Псалъэуха
Текстыр
псалъэухаурэ
зэпкърыхын
(гуэшын),
ахэр
зытепсэлъыхьыр
къыхуэгъуэтэн; зытепсэлъыхьым хужаIэр
къэзыгъэлъагъуэ
псалъэхэр
(иужькIэ
подлежащэ,
сказуемэ
жыхуаIэнухэр).
Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр.
УпщIэ игъэувурэ псалъэухам хэт псалъэхэм
яку дэлъ зэпхыныгъэр къихутэфын (щIалэр
йоджэ – сыт ищIэр? – Йоджэ; хэт? – ЩIалэр).
Псалъэухахэр
я
мыхьэнэкIэ
зэрызэщхьэщыкIым
кIэлъыгъэплъын.
Псалъэухам и кIэм точкэ, упщIэ нагъыщэ,
хэIэтыкIа
нагъыщэ
игъэувыфу
есэн.
Псалъэухахэр
я
къэпсэлъыкIэкIэ
зэрызэщхьыр,
зэрызэщхьэщыкIыр
зэхигъэкIыфу есэн.

Дэтхэнэ зы псалъэухари хьэрфышхуэкIэ
къригъэжьэным теухуауэ иIэ есэныгъэм
зригъэужьын. Псалъэуха зэхилъхьэфын икIи
итхыфын.

Календарно-тематическое планирование.
Учебный предмет: кабардино-черкесский язык (родной)
Класс: 2
Учебник:Адыгэбзэ.2класс.ХъубийЖанетэ,КъардэнОлесэ.ГКУ«КБР-Медиа».Издательство
«Эльбрус»2020г
Недельная нагрузка- 1,5 часа в неделю
Годовая учебная нагрузка -51 час.
№

Тема урок

Колво
часов

1

Псалъэуха, псалъэ,макъ, хьэрф

1

2

Псалъэуха, псалъэ,макъ, хьэрф

1

3

Макъзешэхэр

1

4

МакъдэкIуашэхэр

1

5

Пычыгъуэ

1

6

Къызэрапщытэ тетхык1ыныгъэ

1

7

Щыуагъэхэм елэжьыжын.
Псалъэр зэрырахьэкIыр
Псалъэр зэрырахьэкIыр

1

1

10

Макъзешэ э-р хьэрхьэрфзешэ а-кIэ
къызэрагъэлъагъуэ
ПI, тI макъ дэкIуашэхэр

11

Къызэрапщытэ диктант «Бажэ»

1

12

1

13

Щыуагъэхэм елэжьыжын. Хьэрф ы-р зэпэщIэзых
дамыгъэу къокIуэ
Хьэрф ы-р зэпэщIэзых дамыгъэу къокIуэ

14

Б/з. Изложенэ «К1эпхъымрэ дыгъужьымрэ»

1

15

Щыуагъэхэм елэжьыжын. Хьэрф у-р

1

16

Хьэрф у-р макъзешэуи макъдэкIуашэуи къокIуэ

1

17

Хьэрф у-м иужькIэ ы зэрамытхыр

1

18

Хьэрф и-р

1

19

Хьэрф Е-р.

1

20

Къызэрапщытэ диктант «Гуэдз
хыгъуэ»
Щыуагъэхэм елэжьыжын. Хьэрф Э-р.

1

8
9

21

1

1

1

1

Дата
По плану

Факт

22

Хьэрф Ю, Я-хэр

1

23

Хьэрф Ё-р

1

24

МакъдэкIуашэ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ

1

25

МакъдэкIуашэ жьгъыжьгъхэмрэ дэгухэмрэ

1

26

Хьэрф зэгуэтк1э къэгъэлъэгъуэ макъхэр.

1

27

Б/з Сочиненэ
«Дыкъэзыухъуреихь дунейр щIымахуэм».
Щыуагъэхэм елэжьыжын. Ударенэ

1

1

30

Къызэрапщытэ диктант, грамм.лэжь.
щ1ыгъуу. «Щ1ы1эм хузэф1эк1хэр»
Ударенэ

31

Щыуагъэхэм елэжьын. Адыгэ алфавит

1

32

1

36

Унэц1эхэмрэ ц1эхэмрэ хьэрфышхуэк1э
кърагъажьэу зэратхыр.
Унэц1эхэмрэ ц1эхэмрэ хьэрфышхуэк1э
кърагъажьэу зэратхыр.
Псэущхьэхэм ф1ащ ц1эхэр хьэрфышхуэк1э
кърагъажьэу зэратхыр.
Къалэхэм, къуажэхэм, уэрамхэм,
псыежэххэм я ц1эхэр хьэрфышхуэк1э
кърагъажьэу зэратхыр.
Б/з. Изложенэ «Гъатхэ макъхэр»

37

Хэт ? Сыт? Упщ1эм жэуап хуэхъу псалъэхэр.

38

Хэт ? Сыт? Упщ1эм жэуап хуэхъу псалъэхэр.

39

Сыт хуэдэ? упщIэм жэуап хуэхъупсалъэхэр

1

40

Сыт хуэдэ? упщIэм жэуап хуэхъу псалъэхэр .

1

41

Къызэрапщытэ диктант «Къуагуэ»

1

42

1

43

Щыуагъэхэм елэжьыжын. Сыт ищIэрэ? упщIэм
жэуап хуэхъу псалъэхэр.
Сыт ищIэрэ? упщIэм жэуап хуэхъу псалъэхэр.

44

Послелогхэр.

1

45

Псалъэ лъабжьэ. Псалъэ зэлъабжьэгъухэр

1
1

46

Псалъэ лъабжьэ. Псалъэ зэлъабжьэгъухэр

47

. Псалъэухам теухуа гуры1уэгъуэ.

1

48

Псалъэухам хэт псалъэ нэхъыщхьэхэр

1

49

Къызэрапщытэ диктант. «Зэпеуэ»

1

28
29

33
34
35

1

1

1
1
1

1

1

50
51

Щыуагъэхэм елэжьыжын. Псалъэухам хэт
псалъэхэр зэрызэпхар
ЗэраIуатэ, зэрыупщIэ, хэIэтыкIа псалъэухахэр.
Илъэсым яджам къытегъэзэжын

1
1

Учебно-методическое обеспечение по кабардино-черкесскому языку (родному)
№
1
3

Автор
ХъубийЖанетэ,
Къардэн Олесэ
Багов Н.А.,
Болиева Т.Т..

Учебники
«Адыгэбзэ 2 класс»

Издательство
Год.изд.
Нальчик «Эльбрус» 2020г.

Сборник диктантов и
изложений для начальных
классов

Нальчик «Эльбрус» 1997г.


Наверх
На сайте используются файлы cookie. Продолжая использование сайта, вы соглашаетесь на обработку своих персональных данных. Подробности об обработке ваших данных — в политике конфиденциальности.

Функционал «Мастер заполнения» недоступен с мобильных устройств.
Пожалуйста, воспользуйтесь персональным компьютером для редактирования информации в «Мастере заполнения».